Получи случайную криптовалюту за регистрацию!

'Гъэмахуэ теплъэгъуэхэр'- Сэралъпхэ Альберт деж. | Заур Хаупа

"Гъэмахуэ теплъэгъуэхэр"- Сэралъпхэ Альберт деж.
I
Гъэмахуэ жэщым хэжея
Гуэл Iуфэ жыгхэм пыщхъыщхъыкI
Тхьэмпэ-уэрэдым хэшия
Къудамэм псыщхьэм зырепхъуэкI.

Ипхъуатэу жьыбгъэм иIэтыху
ТкIуэпс хуэмыIыгъхэр IэщIощэщ.
Гъэмахуэ жэщыр хэкIуэтэху,
Жей сфIэкIуэдар къызопэщэщ.

Хьэрш лъащIэм псыщхьэр и пыдзэнщ,
Ухэплъэкъуамэ, уогужьей.
Семыгупсысу зыхэздзэнт,
Слъагъуну сщIам нэгъуэщI дуней…

Нэм къыфIэщI псори зи IэрыкI
Жэщ тхьэхум Iэджи уигу къегъэкI.
II
Пщэдджыжь къудейкъым – гъэмахуэ пщэдджыжьщ.
Акъужьым лъапэрисэ щещI жыг щхьэкIэм.
КъуэкIыпIэ пшэплъыр, данэпс щхьэфIэпхыкIыу
ЗэзышэкI къуршым уещIыр бауэкIэщI.

Уэгунэ бзур игъащIэм жьырытэджщ.
И макъ жьгъыру уэзджынэу зэрылъэлъыр
Зи щхьэусыгъуэ гъэмахуэ пщэдджыжь пшэплъым
УэрэдкIэ пежьэу, джэгуу ирехьэкI.

Абы и закъуэ! Плъагъуху укIытэх
УзыщI дахагъэм фIэпщынур умыщIэ.
Уегупсысыжым, гъащIэм и къэхъу-къащIэ
Псэр зыхуэпIащIэ псори хуэбэтэхщ.

Зи пIалъэр хъыжьэ, бжьыбжьыжу къэса
Гъэмахуэ шылэ, зумыгъэщIэгъуащэм,
Гъэм дыщыгугъыу уи деж къэтхьэсам
Ухуэсэкъамэ, дехъуэхъунт уи гуащIэм.
III
КIэлъокIуатэ дыгъэм пшэху Iэрамэ –
Махуэ псом къурш жьанэм щыжеяр.
И пщIыхьэпIэр жиIэну арамэ –
СабииIэу и бзий къишиящ.

Пшэхур укIытауэ пшэплъ щыхъужым,
И бзий зэщIикъуэжу етIысэх
Дыгъэм зигъэгусэу е щIегъуэжу
И хьэл-щэнкъым: щичэзум, мэбзэх…

И гъэмахуэщ жэщым, зыкъырехыр,
И дыжьын бгырыпхыр* ешэкIащ.
ЩIылъэ дыдэм макъыу щызэрипхыр
Зэхэзыхым и кIэныр къикIащ.

Уафи тафи зи зэхуэдэ жэщым
И хъыринэм сещIэу сыдоплъей.
Си гукъинэм теплъэу зэпишэщIым
И IэфIагъыр зэщхьыр пщэдджыжь жейщ.

*Дыжьын бгырыпх – Шыхулъагъуэ.
***