2023-04-22 20:00:02
"Кхъухь тедзапlэм тырку кхъухь жыпlэми урыс кхъухь жыпlэми, ахъшэ епт закъуэмэ, итlысхьэр lуашырт, арщхьэкlэ и уасэр куэдыщэти, имытlысхьэфыр нэхъыбэжт. Тырку хьукумэтым адыгэр къигъэгугъат кхъухь къызэращтэн ахъшэ къаритыну. А ахъшэр къэсмэ жаlэу, псы lуфэм lусыр пхуэбжыххэнутэкъым, сымаджэ хъур еlэзи сыти щымыlэу lисраф хъурт, нэхъыбэм дыхъужащэрэт жаlэртэкъым, лlэрэ я щlыналъэм щыщlалъхьэжмэ, нэхъ къыхахырт.
...
Етlуанэ махуэм лlыжьитlрэ зы фыз уэндэгъурэ лlати, я lыхьлым ябзыщlащ, арщхьэкlэ шкиперхэм мэкlэ къагъуэтащ, къомыгъуэтуи хъурэ - дунейр хуабэщи, кхъухь кlуэцlым уисыфыркъым. Зылъэкlыр и щхьэм къыдокlуей тlэкlу бэуэнуи, йопщыхыж.
Хьэдэ къагъуэтахэри lэлъэщlышхуэм, сытхэм кlуэцlашыхьри, молэм «Ясин» гукlэ ищlэрти, къеджэрт, «ялыхь къытхуэгъэгъу» жаlэрти, лlар псым хадзэрт. Хьэдагъэр щагъэтмэ, аргуэру къаублэжурэ екlуэкlыну хуежьати, цlыхум я гур кlуэдащ, дыздэкlуэм дынэмысу дэри тенджызым хэс джейм я ныбэр мащэ тхуэхъунущ жаlэу.
...
Къыщежьэм, гъуэмылэм Истамбыл дынигъэсмэ, адэкlэ дызыхыхьэр муслъымэнщ, дагъэлlэнкъым жаlати, иджы Кипр нэс кlуэн хуейщ. Псы ирафынри зэгъэзэхуэн хуейщ, сымаджэр махуэ къэс нэхъыбэ мэхъу, кхъухь караваным и бгъуитlымкlэ джеишхуэ хъушэ къокlуэ, кхъухьым къакlэрымыхуу. Тхьэм ещlэ, дызыгъэшхэн къэдгъуэтащ жаlэрэ. Кlуэ пэтми нэхъыбэж мэхъу. Сымаджэу ар зылъагъум я гур мэкlуэдыпэ, уэсят къащl: дызэхуэдэ муслъымэнщ, дылlэмэ, псым дыхэвмыдзэ жаlэри.
...
Цlыхуу кхъухьым исри гухэ къэхъуащи, псэ зыlут гушыlэу зэхэпхыжыркъым. Дэри ди чэзур нобэ къэсын, пщэдей къэсын жаlэу я дуней lуэхукlэ къэмыгугъэжыр нэхъыбэщ. Псым зыщlагъэмбрыуэу, къыдэуеижу джей хъушэ къакlуэм еплъмэ, я гур мэкlуэдыпэ, «дылlэмэ, мащэ тхуэхъунур ди ужьым итщ» жаlэу. Дэтхэнэ джейм и ныбэра иджы мащэ тхуэхъунур?
Хьэдэр зэрагъэзэхуэжмэ, къаблэмкlэ и гупэр гъэзауэ гъэтlылъын хуейщ, щыгъынри щыхарэ джэбын щэней къешэкlауэ. Джэбыныр зиlэ зырызыххэ къахэкlми аращ. Хьэдэр зыгъэпскlыр цlыху къабзэлъабзэу, узыншэу щытын хуейщи, ари дэнэ къипхыну? Сабий лlэмэ, зыгъэпскlыжыну зытехуэр и анэращи, анэри къарууншэщ, lэпэсыс-лъапэсыс хъуащ. Зэрыбгъэпскlын псы къудей дэнэ къипхын, цlыхум ирафын ямыlэмэ. Цlыхухъу лlэмэ, и хьэдэр щlакlуэ фlыцlэшхуэм теукъуэдияуэ теплъхьэн хуей щхьэкlэ, щlакlуэ бгъуэтрэ, нэхъыбэм я укlытапlэ тlэкlур хъыданкlэ щlахъумэри зэфlэкlащ...
...
И бын апхуэдэу джейм зыlуридзауэ анэм илъагъумэ, къомэх. Абы щхьэкlэ цlыхухъум ядэркъым цlыхубз кхъухь джабэм къыlуувэу. Ар зигу темыхуэ цlыхухъу дыдэми къахокl, уеблэмэ дыгъуасэ щlалэщlэ хъарзынэ гуэр и псэр хьэщыкъ зыщlа хъыджэбз дахэ дыдэр псым хадзауэ щилъагъум:
Ар зыдэкlуэм сэри срекlуэ! - жиlэри зыкlэлъыхидзащ. Къыхалъэфыжын я гугъэу зэрызехьа щхьэкlэ, яхузэфlэкlакъым.
Зи унэ хьэдэ ихуам я деж махуищкlэ гузэвакlуэ укlуэн хуейщи, кхъухьым щlагъуэ исыжкъым гузэвакlуэ узыхуэмыкlуэн. Дяпэкlи нэхъыбэж зэрыхъунур нэрылъагъущ, лъэрымыхь къэхъум махуэ къэс къыхохъуэри. Уеблэмэ лlар ягъэпщкlури урагъэкlуалlэркъым, тlэкlу хилъэфа къудейщ, и гугъу умьщlу тхьэм щхьэкlэ гъэжей жаlэри. Кlуэ пэтми нэхъ lеиж мэхъу. Япэм бынунэм зы-тlу яхэлlыкlауэ нэху къекlыу щытамэ, иджы бын-унэр зэрыбынунэу зэтелlауэ къуэгъэнапlэ гуэрым къыщыкъуах къохъу.
"Лъапсэ", Кlыщокъуэ Алим.
173 views17:00