Получи случайную криптовалюту за регистрацию!

Бемырзэ Зураб Бжэщхьэlу Си гур къыкIэрохур зы тэлайкIэ Уи Iэм | Адыгэ Хэку - черкесский канал. Circassian news. Для связи info@aheku.net

Бемырзэ Зураб
Бжэщхьэlу

Си гур къыкIэрохур зы тэлайкIэ
Уи Iэм къыпыщэщ хьэжыгъэ хужьым,
ГъащIэм и кIэщIыгъуэм игу сыкъэкIыу,
Уи псэ къысхуэкIуэну зызыужьым.

Си гур къыкIэрохур зы тэлайкIэ,
Iэщlэхуауэ къызэреуэ уадэр,
Си цIэр къигъуэтыжу къыщыджакlэ
Илъэс бжыгъэ хъуауэ лIа си адэр.

Си гур къыкIэрохур зы тэлайкIэ
Лым къыхачыр сампlэм щралъхьэжкIэ,
Лъэпкъкlэ мэжэлlа Хэкужь къуэладжэм
Си адыгэ тlэкlур щыщlалъхьэжкlэ.

Гъащlэм и хьэлъагъыр схуэмыхьыжу
Сыббгъэдэсу, сыщыпхуезэшакlэ,
Зэшым къищыпар изокъухьыжри
Гум сыкъыкIэрохур зы тэлайкIэ...